21 марта, 2023 - 13:59
Адэм и уэсят
ЗэлIзэфыз псэурт, зы къуэ яIэу. Анэр щIэх дунейм ехыжащ. ЛIыми, фызым и дунейр щихъуэжым, къуэм IэщIагъэ иритащ, щхьэхрэ шынэрэ имыщIэу игъэсащ.
Жьы хъууэ лIыжьым и лIэгъуэр къыщысым, и къуэм жриIащ:
- Си лIэгъуэ хъуащ, IэщIагъэ уиIэщ, шынэ жыхуаIэр пщIэркъым, псэу, дунейм цIыху хуэдэу тет. Ауэ удэхуэхрэ тхьэмыщкIэ дыдэ ухъумэ, мыпхуэдэ къуажэм дэс си ныбжьэгъум деж кIуэ. Абы къыбжиIэнщ адэкIэ пщIэн хуейр.
Куэд дэмыкIыу адэр дунейм ехыжащ. Тэлай дэкIауэ, щIалэр гугъусыгъу щыхэхуэм, и адэм къыжриIауэ щытыгъар игу къэкIыжащ. Арати, и адэм и ныбжьэгъум деж тридзэри кIуащ, и Iуэхури бгъэдилъхьащ. ЗдэкIуа лIыми щхьэгъусэ къызэришэн хуейр къыжриIащ.
- АтIэ, Iуэхур арамэ, уи пхъур къызэт, - жиIащ щIалэм.
- Хьэуэ, си пхъур уэ щхьэгъусэ пхуэхъунукъым, ар бзаджэщ, - идакъым лIым.
- Мыбы нэс сыкъыщыкIуакIэ, жысIэн щыжысIакIэ, икIуэт сиIэкъым, къызэт уи пхъур, - иувыкIащ щIалэр. Сытми, адэм иригъэдащ.
ЩIалэр унэм щIашэри ягъэтIысауэ здэщысым, джэду цIыкIу къыщIэлъадэри, «нау» жиIащ. ЩIахужащ джэдур. ЕтIуанэу къыщIэлъадэри, аргуэрыжьти, «нау» жиIащ. ЩIахужащ. «Ещанэу къыщIэлъадэрэ пщIэумэ, фIэзгъэжынущ», - жиIащ щIалэм. Ещанэу къыщыщIэлъадэм, джэдум кIэ иритащ щIалэм. Ар и нэгу щIэкIащ хъыджэбзым.
ЗэрызэгурыIуам тету, лIым и пхъур щIалэм щхьэгъусэу иритри, иутIыпщыжащ. Зыкъом дэкIауэ, адэр пхъум деж лъагъунлъагъу къэкIуащ. ЩIалэр щIыпIэ жыжьэ гуэрым щыIауэ и жейр иригъэкъуж хъунти, пхъум лIыр къигъэушыну тегушхуакъым:
- Къеблагъэ, ди адэ, сытым укъитхуихьа? ЛIыр мэжей, куэд дэмыкIыу къызэщыунущ, апщIондэху дыщ хъыбар сыкъегъэдаIуэ, - жиIащ.
Зэадэзэпхъур зэпсалъэу щысыху, щIалэр къэушащ, гуапэу лIым IущIащ.
- ФылIарэ фыпсэурэ, фызэгурыIурэ фызэщыхьэгъурэ къэсщIэну сыкъэкIуати, лIыгъэ уиIэщ, цIыхубзыр бгъэдэIуащ, гъащIэ кIыхь ухъу, - жиIэри, гуфIэу дэкIыжащ.
ФIэлIыкI къэзымыгъэщI шынэ кIыхь щыIэкъым. ФIэлIыкI здэщыIэм, зэгурыIуэ щыIэщ, зэгурыIуэ здэщыIэм, лъагъуныгъи щыIэщ. ЛIыр щхьэ хъунущ, фызым жьауэ зищIыфмэ.
Шыпхъум и лъэIу
Куэд лъандэрэ зэныбжьэгъу щIалитI нэщI мазэу ежьащ. ЗдэкIуэм, лIы гуэр чытап еплъу гъуэгум щыхуэзащ. ЗэныбжьэгъуитIыр епсыхри, лIым фIэхъус ирахащ.
ЗдэкIуэмкIэ къащыщIэупщIэм, зэныбжьэгъуитIым я зым:
- Сэ хьэж сщIыну сокIуэ, - жиIащ.
- Сэ хьэж зэрысщIын мылъку сиIэкъым икIи хьэж сщIыфынукъым, ауэ къуажэ жыжьэ гуэрым си анэ къилъхуауэ си шыпхъу дэсщи, ар слъагъуну сокIуэ, - жиIащ етIуанэ щIалэм.
Абдежым щIалитIыр зэбгрыкIри, щхьэж здэкIуэну лъэныкъуэмкIэ игъэзащ.
Зи шыпхъум деж лъагъунлъагъу кIуэ щIалэм куэд дэмыкIыу и пащхьэ Псэхэхыр къиуващ. ЩIалэр абы елъэIуащ:
- Ухуеймэ, сыхьэт пIалъэ къызэт, ухуеймэ, махуэ пIалъэ къызэт, ауэ си анэм къилъхуа си шыпхъур сыгъэлъагъуж.
- Хъунщ, лъагъуж, - жиIэри, Псэхэхыр IукIыжащ.
ЩIалэр и шыпхъум деж кIуащ. Мо куэд лъандэрэ имылъэгъуа дэлъхум шыпхъур къыщыгуфIыкIащ, игъэхьэщIащ, гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, шыпхъур тхьэ елъэIуащ:
- Уэ ди Тхьэ закъуэ, мы си дэлъхум къызита гуфIэгъуэм хуэдэ къетыж, сызэригъэгуфIам хуэдэу гуфIэгъуэ щымыщIэу илъэсищэ къет, - жиIэри.
Пщэдджыжьым жьыуэ щIалэр ежьэжри, Псэхэхым деж къекIуэлIэжащ.
- Иджы, ухуеймэ, хэх си псэр, си анэкъилъхур слъагъужащ, къысхуэарэзыуэ сыкъыдэкIыжащ, - жиIащ щIалэм.
- Хьэуэ, - идакъым Псэхэхым, - уи шыпхъур тхьэ елъэIуащ илъэсищэ гъащIэ къуитынуи, Тхьэм деж абы и лъэIур нэсащ. Анэкъилъхур зыгъэгуфIэмрэ псы хуэлIэм и псыхуэлIэр изыгъэкIымрэ Тхьэр ящоукIытэ, щIэлъаIуэри къахуещIэ, - жиIащ.
Тхьэми цIыхуми я арэзыныгъэр тыншщ къэблэжьыну – гулъытэрэ лъагъуныгъэрэ уиIэн хуейуэ ара къудейщ.