14 ноября, 2023 - 13:59
Бажэмрэ дыгъужьымрэ
Къуажэр колхозу щызэхэта лъэхъэнэм мэл хъушэ кIуэдат.
Къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ ейт, колхозым и унафэщIыр Дыгъужьхэ я къуэт. Ieэхур зэхэзыгъэкI къэпщытакIуэхэм жылэм епсэлъэн щыщIадзэм, зы лIыжь гуэрым жиIащ:
- Уа щIалэхэ, ди къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ ейщ, колхозыр зыIыгъыр Дыгъужьхэ ящыщщ. Бажэмрэ Дыгъужьымрэ яIэщIыхьар къытрахыжыфауэ иджыри къэхъуакъым. Гугъу зевмыгъэхьу фыкIуэж.
ЩIакхъуэ Iыхьэ ямыIами...
Жэм пэхужьыр хъупIэм къикIыжа нэужь, дадэ Iуэм иригъэхьэжырт. Шхалъэм удз цIынэ къишам щыщ худилъхьэрт, езыр бгъэдэтIысхьэрти къишырт. Нанэ пщафIэрт, и Iэ лъэныкъуэр узырти, иджы дадэт жэмым кIэлъыплъри зезыхьэри. ШкIэр щIигъэфа нэужь, къебла шэр кумбыгъэм щхьэхуэу ирикIэрти Ахьмэд цIыкIум иритырт.
- Мыращ шэм и IэфIыр, мыр шатэпсым хуэдэщ, - жиIэрт.
Ахьмэд цIыкIум и гъусэу, джэдуужьитIри есауэ къэсырт.
А гупыр зэбгъурысу зэрытхъэм кIэлъыплъ дадэ и гур хэхъуэрт, и пащIэкIэм щIэгуфIыкIыурэ игу къигъэкIыжырт, гъаблэм и зэманым щIакхъуэ Iыхьэ ямыIами, жэмыжь закъуэ псэууэ къахуэнам и фIыгъэкIэ ахэр узыншэу къызэрызэтенар.
Хьэнифэ нанэ
Зэшыпхъуитхури зэщхьт. СыткIи. ТеплъэкIи хьэлкIи.
Зэбгъэдэсу плъагъумэ, зытепсэлъыхьыр КъурIэн лъапIэм иту зэджахэрат. Зым къыгурымыIуэмэ, адрейм ар хузэпкърихыу. ЦIыхубз хьэлу, зыгуэрхэми тепсэлъыхьынутэкъым. ГъэщIэгъуэныщэхэт. Езыхэр нанэ дахэ дыдэхэт. Я нэгум нурыр кърихыу.
Абыхэм ящыщу нэхъ гъунэгъуу сцIыхуа Хьэнифэ нанэ куэдрэ сигу къокIыж. Хьэнифэ нанэ нэхъ жьы хъуами, и лъэм фIыуэ къримыхьэкIыжми, зэи щылъу слъэгъуакъым. Хужьыбзэ цIыкIуу хуэпауэ пIэкум исрэ, КъурIэн лъапIэр и куэщIым илъу. И щхьэфIэпхыкIыр, натIэр щIихъумэу къелъэфэхарэ, IэлъэщI кIапэхэр гупэмкIэ дамащхьэм телъу. Щабэ дыдэу псалъэу, Къур1эным макъ лъахъшэкIэ къеджэу. Хьэнифэ зыщIэс пэшыр псом нэхърэ нэхъ нэхуу блэуэ къысщыхъурт.
И къуэхэр къыщIыхьамэ, занщIэу пIэм деж лъэгуажьэ зрагъауэрти, бгъэдэтIысхьэрт. Щабэу епсалъэрт, IэплIэ гуапэу ирашэкIырт. Зы заулкIэ бгъэдэсти, къэтэджыжырт, щащыхур хузэрагъэзэхуэжырт, и щхьэм Iэ далъэрти щIэкIыжырт.
Хьэнифэ и нысэгъур къыщашам, езым иджыри бын иIэтэкъым. ЦIыху щабэ дахэм, унагъуэм къихьа нэрыбгэ цIыкIур зэуэ есащ, и гум дыхьащ, и дзыхь иригъэзащ. ГъащIэри макIуэ. Нысэгъу къашам бынищи къилъхуащ, щIалэ дыгъитIрэ зы пщащэ цIыкIурэ. Ещанэ сабийр къыщалъхум, нысащIэр дунейм ехыжащ. Гуауэр хуэмышэчу и щхьэгъусэри кIэлъыкIуэжащ. Сабиищыр зеиншэу къэнат. И бгыр щIикъузэри нанухэр Хьэнифэ къищтащ. Езым щIэблэ къыщIэмыхъуами, цIыху имыгъэпсалъэу, и бын дыдэм хуэдэу, а цIыкIухэр зэщIипIащ. Сабийхэм ар я анэу фIэкI ялъытакъым, къащыгурыIуами, нэхъыфIыжу ялъэгъуащ.
Жьы дыдэ хъуху яхуэпсэуащ, къуэрылъху-пхъурылъхухэр къепщIэкIауэ.
Дунейм щехыжми, фIыщэу илъагъу и къуэхэм я Iэхэр и Iэгу гъур цIыкIумкIэ иIыгът…
Зи псэр лъагъуныгъэкIэ гъэнщIауэ псэуа нанэр зыщIэса унэ цIыкIум сыщIыхьэхукIэ, и блынхэр иджыри нурыбэу блэуэ солъагъу.
Ярэби, апхуэдиз шыIэныгъи лъагъуныгъи абыхэм дэнэ кърахрэт?! Иджы псори диIэщ, лъагъуныгъэм къищынэмыщIа. Ар хуабжьу жэщIащ.
Къаз хъушэм и хъыбар
Нанэм къаз хъушэ зрихуэрт. Пщэдджыжьым зэрихабзэу, и къазищэр псыхъуэ лъэгум дигъэхьащ. Къазхэр езыхэр хъуакIуэрт жэщ хъуху, пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжырт. Пшапэр зэхэуауэ нанэ къыдэкIащ, къазхэр къекIуэлIэжамэ, къыдихуэжыну. Зыри щыIэтэкъым. Хуэмурэ кIуатэурэ псыщхьэм нэсащ. Зыри къуэкIийм дэтыжтэкъым. Лъэмыж цIыкIу телъымкIэ икIри губгъуэм нэс кIуащ. Плъэмэ, къазхэр псори щылъщ, зыри хъейркъым. Бгъэдыхьэри еплъащ, зыри бауэртэкъым. И жагъуэ хъуауэ псынщIэу къэкIуэжащ. Къуэрылъху нэхъыжьым шыгур зэщIригъащIэри дэкIащ. Езыхэр лIами, я цыр згъэкIуэдынкъым жиIэри къишэжащ, унэм щIэсхэр къыдэIэпыкъуурэ къазищэр яфыщIащ, къауц щхьэнтэ ищIыну дахэу къэпхэм ирилъхьащ. Къазхэри гум иралъхьэжри, къуэкIийм яшэри дакIутащ, хьэ хьэулейуэ псыхъуэм дэтхэм яшхынщ жаIэри.
ЕтIуанэ махуэм пшапэр зэхэуауэ къаз макъ къызэхех. Нанэр къыдэжащ пщIантIэм. Еплъмэ, и къаз пцIанэ гупыр къэкIуэжауэ щызэхэтт куэбжэпэм.
КъызэрыщIэкIамкIэ, къазхэр щыхъуакIуэ щIыпIэм щIэп куэду итт. Махуэ псом ар зышха къаз хъушэр, лIам хуэдэу, жеяуэ арат.
- Фейдэ тIуащIэ сиIащ а зэманым, - дыхьэшхырт нанэр, и щхьэ кърикIуар кыщызжиIэжым.
Гъаблэм и лъэужь
Уэшх мащIэ кърепхъых. Пшагъуэри Iуву телъщ. Уафэ джабэр, щIакIуэ ираубгъуэкIам хуэдэу, зэщIэуфIыцIащ. Жьыбгъэм иупцIэна жыгхэри заущэхуауэ зэхэтщ. Къуаргъыжьхэри абыхэм я лъабжьэм щощыпэ, шынэ лъэпкъ ямыIэу лъэбакъуэшхуэкIэ щызокIуэхэр.
Абдеж къэувыIа цIыхубзитIыр гъуэгу тетами, я къуажэ къызэрыблэгъэжам щогуфIыкIри, я хъуржыныр ягъэтIылъ, йотIысэх.
Махуэ бжыгъэкIэ я унэ имысахэр, зыри жамыIэу тIэкIурэ щыса нэужь, къотэджыжри йожьэж, я гъуэгу хагъэщIмэ нэхъ къащтэу.
Быбэ сымэ къызэрысыжам щыгуфIыкIыу, нану гупыр зэрызехьэу унэ цIыкIум къыщIож. Пэш цIыкIуитIыр хуабэт, щIалэ нэхъыжьхэр бгым щхьэдэхри я плIэм дэз къэрэкъурэ къахьат. ЗэшыпхъуитIым, зауэм зи щхьэгъусэхэр хэкIуэдахэм, я бынхэр зэгъусэу зэдапIырт. ШыуанышхуэмкIэ псыр трагъэуващ хьэкум. Нартыху тIэкIу къахьам щыщ Iыхьэ къыхахри, Iэщхьэл цIыкIумкIэ зэтраудащ. Хьэнтхъупс шыуанышхуэр хьэзыр хъуа нэужь, Iэнэм къетIысэкIащ сабиибгъур, щхьэж и фалъэр иIыгъыу.
Абыхэм гуфIэгъуэшхуэ я нэгум къищырт, ауэ зыми ищIэртэкъым, я быныр гъаблэм кърагъэлын папщIэ, фэнжей цIыкIум илъ нартыху тIэкIур зэшыпхъуитIым къахуэнэжа дыжьын бгырыпхымкIэ къызэрахъуэжар.
Гукъинэж
Нанэм и хьэсэ цIыкIур сигу къэкIыжащ. Бжьыныхур уфафэу, бжьыныр зэкIэрыблауэ, шыбжий сырыр зэхэухуэнауэ гуэщ блыным екIуэкIыу фIидзэжырт. Къэб джабэплъхэр сатыру игъэтIылъырт.
Джэдгыныр игъэгъурт, ихьэжырти, чэтэн хъуржын цIыкIухэмкIэ бгыкъум кIэрищIэрт. Сырэм и щхьэм екIуэкIыу удз лIэужьыгъуэу игъэгъущхэр телът. Ташынпхъафэмрэ къармэфиблымрэ и Iэнэм текIыртэкъым.
Аращ гъащIэр, уи цIыкIущхьэм анэмрэ анэшхуэмрэ я шхын IэфIыр пшхыуэ уащыбгъэдэсырщ. Ноби къысщIехьэ нанэ и хадэхэкIхэм я мэр, джэдгынэр бэуэ зыхэлъ и кIэртIоф дэлэным и хъурымэр, къэб гъэва IупщIэ плIимэхэмрэ шэ щIэгъэпщтыхьамрэ я IэфIагъыр си Iум итщ.
Гукъинэж нэхухэм дыхуеплъэкIыжурэ допсэу. Арауэ къыщIэкIынщ щIыжаIэр: щIалэм и гупэр къэкIуэнумкIэ гъэзамэ, зи ныбжь нэсам и гупэр и щIыбагъымкIэ щыIэщ.