21 ноября, 2023 - 11:15
Адыгэ литературэм и дунейм лъэ быдэкIэ хэува, абы и къэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ усакIуэщ Гугъуэт Заремэ Хьэбас и пхъур. Ар Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ, КъБКъУ-м филологиемкIэ и факультетым и адыгэбзэ къудамэр къиухащ, «Адыгэ псалъэ» газетым щолажьэ, Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. И усэхэр зыкъом щIауэ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ. Апхуэдэу Гугъуэтым и усэхэр ихуащ адыгэбзэкIэ тхэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIа «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъхэм. 2016 гъэм Гугъуэт Заремэ и япэ усэ тхылъыр – «Хьэуа Iубыгъуэ» зыфIищар – дунейм къытехьащ. Заремэ и усэхэр нэхъыбэу зытеухуар лъагъуныгъэрщ, гъащIэрщ, дыкъэзыухъуреихь дунейрщ – нэхъыщхьэу щыпхрышари гурыщIэ къабзэрщ. Мы махуэхэм Заремэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащи, усакIуэ-бзылъхугъэм дохъуэхъу и творческэ гъуэгуанэм ехъулIэныгъэхэр щиIэну, и гугъэ дахэхэр нахуапIэ хъуну.
ГУГЪУЭТ Заремэ
* * *
Си гур щIопхъуэри, хохьэжыр гъадэщIыдэм,
Гухэлъ щIыIэрысым егупсысу.
Уафэм еIубыну зрепщытыр,
Вагъуэхэм зырызурэ еIусэу.
Вагъуэ щокIэзыз псэзэпылъыпIэм,
Си гур хъуаскIэ щIыIэхэм щоуз.
Си гукъеуэр иувауэ лIыпIэ,
Уи цIэмкIэ ещIыжыр псалъэм из.
ЩIыр хъурейкъым. ЩIыр ди зэхуэдитIу
Псалъэ Iуфэм щызэпытхукIащ.
СыщIэкIуэдэжынути уи нитIым,
Уигу зэшам сыщыхури, сиукIащ.
* * *
Сигу уэлбанэм езудэкIыж пэжым
Щхьэж и гукъэкIыж къыкIэлъедзыж.
Ущизубыдар мы си гум сщIэжкъым,
СщIэжыр уафэрщ, сщIэжыр тхьэмпэ
плъыжьщ.
Сэ сылъапцIэт, дунейр уэшх нэужьт,
Схьыжырт си гур зыуIа жыг хадэм.
Тхьэмпэр жьым ипхъуатэрти, гъущыжт,
Хъужырт гъадэщIыдэ сигу сымаджэр…
ЩIыр зэгуохур, тхьэмпэр ещэщэхыу,
Щхьэхьу сокIуэ щIым и гъунэм нэс.
Нэпкъи къэзгъуэтауэ сыщехуэхым,
Мэхыу къыскIэлъосыр зы илъэс.
Сыкъытоувэжыр илъэс кIапэм,
Лъапэм къыкIэрихыу ажалымэ.
Бжьыхьэ гукъэкIыжхэм я IэпапIэу,
НапIэм щIызогъапщкIуэ тхьэмпэу схъумэр.
Сигу уэлбанэм къыхэсчыжкъым банэ,
Бланэу къотэджыкIыр гукъэкIыж.
КъокIэрэхъуэкIыж гухэлъ архъуанэр,
КъызыкIэридзыжу тхьэмпэ плъыжь.
* * *
Си гупсысэхэр уэс мэхъужри,
Къопэщэщыр си нэкIу зэлъам.
УезудэкIыурэ сигу мыхъужым,
Йолъ щIымахуэ сызыпэплъар.
ИзошэкIри уэс налъэм си псэр,
Хьэуа щIыIэм сыкъыпощэщ.
Уэс джэрэзым IэкIэ уеIусэу,
Гухэлъ жылэ помыгъэлъэлъ.
ЩIымахуэку щызогъэс уи нитIым,
Махуэ къэскIэ пэрыздзэу уэс.
ГукъэкIыжым и ужьым ситу
Согъэзэжыр уи гущIэм нэс.
* * *
Жэщ уафэм и щIыфэ щIыхум
МазэщIэм зыщегъэсыж.
Уи жьэгу сыщыхьэщIэ пщIыхьым
ГухэлъкIэ зыкъеумысыж.
Зэманым сыщокIэрахъуэ,
Зэманым сыкъыIэпоху.
Абы хэгъуэщэж си лъагъуэм
Сытехьэмэ, щIылъэр пхоху.
Мы си гур цIыкIу-цIыкIуу щащэу,
Уи нитIым сыщIокIуэдэж.
Мы гъащIэр мэхъу пцIы тIууащIи,
Уи нитIым къыщIонэр пэж.
Iубыгъуэ
Жэщым соIубри, къесыр си Iупэр,
Жэщыр езэгъкъым жейм.
Уи цIэр мыхъейуэ пылъу бзэгупэм,
Уи нэм сыщогужьей.
Нэхур кIэзызу телъщ пкъо уэздыгъэм,
Къалэ уэрамхэр нэщIщ.
Уафэм зрелъхьэри вагъуэхэр щыгъэу,
Жэщу къыхех нэгъуэщI.
Жэщым и щIыфэр есыр гухэлъым,
Щыгъэр йощэщ и куэщI.
Къалэ жеиншэр йоплъыр щыгъэхум –
Щэхуу елъэщI уэсэпс.
Жэщыр къигъащтэу, пшэплъыр тоIэбэ,
Щабэу хуещIыжыр ба.
Джийм схуемыгъэхыу соплъыр ныжэбэ
Уафэ сызэIубам.
* * *
Си лъынтхуэхэм ирокIуэ уи цIэр щэхуу,
Гур къригъауэу, хуеймэ, хуейм – псэхэхыу.
Жэщ кIапэр сIэтрэ щIыкъатибл сехуэхыу,
Сехуэхрэ, уи бауэкIэр щызэхэсхыу.
Жэщ щIыIэм езгъэза гупсысэ хуабэм
Дунейри гухэлъ джанэкIэ ехуапэ.
Е уафэр си нэджыджым зы IэпапIэу
Къытонэри, ущIызогъапщкIуэ напIэм.
Си гъащIэ нэпцIым къыхэузыкI пэжыр
Зэманым ириджэгуурэ иIыгъщ.
Мы си гум аргуэру къуэпс къыхэжыр
СыдэIэбейуэ къыхэсчыныр – гугъущ.
Дунейм сытемытыж укъызэплъыIуэм,
Насыпым уасэу, сщIэркъым, сыт щIэстын…
Сыныпщхьэщысу, мазэр мэхъу изыIуи,
КъысфIощIыр уафэ пщтыр къыщиудын.
* * *
Сыхуегъэхкъым дунейм и джийм.
Сэ блэкIам сыкъыхэщIыкIауэ,
Жьыбгъэм си псэр ешэкIыжауэ,
Илъэс щимэхэр си бгъэм щокIий.
Сытохуэжыр дунейм и гущхьэм.
Сыбэуакъыми гъащIэм щIигъуауэ,
Сэ иджы налъэ-налъэ сыхъуауэ,
Сытохуэжыр дунейм и гущхьэм.
Си нэм мафIэ щызэхокIыж.
ГъащIэм сахуэу сыкъыхэхуауэ,
Жэщым си пIэкIэ зыгуэр къалъхуауэ,
Сигу къутахуэр къыпхызочыж.
* * *
ГъащIэр пцIыт, псалъэр пцIыт, уэ упэжт,
Си дунейр зэрыщыту лъэлъэжт.
Пшэплъ къэплъам зиухыжт, зиуIэжт,
Пщэдджыжьыпэм гухэлъыр щинэжт.
Гъуэгущхьибл щымыIэжт, уэ угъуэгут,
Си гу щIыIэм ухуэхъурт зы Хэку.
Си гур уи гум щыпсэут – щымыджэгут,
Укъихъумэу къуишэкIырт тхьэлъэIу.
* * *
СыхъухукIэ нэхъри щIыIэрыс,
КъызжомыIахэм согупсыс.
Сынежьэрт лъапцIэуи – сыпщыщт,
Уи пщIыхь нэщхъейхэм сащхьэщыст.
Сыпежьэрт къемыха уэс налъэм,
ЩIэсщыкIыу псэкIэ уафэ лъахэр.
Уэсыр джэрэзу уафэ гущIэм
КъыщыIэпыкIкIэ, сщIэн сымыщIэт…
СымыщIэт щысхъумэнур уи цIэр,
Уи теплъэр… е къэхъунум и кIэр…
ЩIымахуэм телъти уи лъакъуапIэ,
СымыщIэт щыIэу уэс нэхъ лъапIэ.
* * *
Ныжэбэ уафэм вагъуэу къыпыщэщым
Зыхасэрт си гум, нэхъри сауIэу.
Сыгужьеяуэ уи нитI сызыщIэплъэм
Сызыпэплъауэ зыри къызжамыIэт…
Жэщ къэс къыскIэлъыпхьыжырт
ди макъамэр,
КIэух имыIэу къыстелъалъэр псалъэт.
Макъамэм сыщихьыжым, къисхри къамэ,
Хьэуам сыхэпыджащ, уи макъыр лъалъэу.
И щIыфэр тхытхырт, жэщыр
къэзгъэщтауэ,
Уафэгу зыщадзти, вагъуэм заукIыжт.
Уафэ нэщIыбзэм сэ сыхэщэтауэ,
Мы си гур щыуз уи псэр щысхэкIыжт.