28 ноября, 2023 - 11:15
Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щекIуэкIащ Урысейм футболымкIэ спортым и мастер Танокъуэ Рустам и фэеплъу къызэрагъэпэща топджэгу зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ «Хьэтуей», «Уэзрэдж», «Нарткъалэ», «Ныбжьэгъухэр» (Налшык къ.) гупхэр.
Танокъуэ Рустам ящыщщ зи цIэр фIыкIэ зыгъэIуа хьэтуей щIалэгъуалэм. ГъащIэшхуэ къимыгъэщIами, абы республикэм и футболым и тхыдэм и лъэужь дахэ къыхинащ. Ар щыджэгуащ «Кавказкабель», «Нарт», «Волга», «Спартак - Налшык», «Кавказтрансгаз», «Динамо-ГТС» гупхэм. 2004 гъэм Прохладнэ къалэм и «Кавказкабель»-м щыджэгуу ар гъуащхьауэ нэхъыфIу къалъытащ. 2005 гъэм Налшык и футбол гуп нэхъыщхьэм хэту Урысейм и Премьер-лигэм хыхьауэ щытащ.
- Танокъуэ Рустам и гъащIэ мащIэр футболым хуигъэпсащ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Хьэтуей къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор. - Къуажэдэсхэм я мызакъуэу, район псор иригушхуэрт абы и ехъулIэныгъэхэм. Лэскэн щIыналъэм щыщу Рустамщ япэу Урысейм футболымкIэ спортым и мастер хъуар. Ар хэтащ футбол гуп зыбжанэм, и къаруи, и гуащIи емыблэжу, зэфIэкI лъагэхэр къигъэлъагъуэу дэтхэнэми щыджэгуащ. Иужьрей илъэситхум щIалэр пэщIэтащ узыфэ бзаджэм, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къыхуиухар арати, и ныбжьыр илъэс 41-м иту нэгъабэ и фокIадэ мазэм дунейм ехыжащ. Ди футболист ныбжьыщIэхэм я дежкIэ Рустам щапхъэу щытащ икIи шэч хэлъкъым а спорт унэтIыныгъэмкIэ ар адэкIи гъуазэу зэраIэнум. ЦIыху гуапэт, гъэсэныгъэ дахэ, хабзэ хэлът, нэхъыжьми яхуэфэщэн пщIэ яхуищIырти, нэхъыщIэри игъэгушхуэфырт. Апхуэдэущ Танокъуэ Рустам зыцIыхуу щыта псоми дигу къызэринэжар. Абы и адэ-анэхэу Хьэсэнбийрэ Люсэрэ захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт лъэпкъми къуажэми яхуэфэщэну я щIалэр зэрагъэсар, жылэм апхуэдэ къызэрыдэкIам дызэрыригушхуэр. Абы и фэеплъыр ар зыцIыхуу щыта псоми ди гум щытхъумэнущ.
КъБР-м футболымкIэ и федерацэм и президент Пащты Руслан жиIащ Прохладнэ къалэм и «Кавказкабель»-м хэту япэу Танокъуэ Рустам и джэгукIэм гу лъитауэ зэрыщытар икIи къыхигъэщащ топыр гъуэм дэхунымкIэ Iэзагъэшхуэхэр абы щыгъуэм къигъэлъэгъуэн зэрыщIидзар, иужькIэ фIэгъэщIэгъуэну щIалэм и зэфIэкIым, и ехъулIэныгъэхэм зэракIэлъыплъар.
- ДжэгуакIуэ лъэщт, футбол губгъуэм абы щыдэтлъэгъуа псынщIагъымрэ жыджэрагъымрэ си нэгу къыщыщIэзгъэхьэжкIэ, схузэгъэзахуэркъым абы и лъэр узым зэрыщIихыфар, - жиIащ Пащтым. – Нобэрей зэхыхьэр и щыхьэтщ Танокъуэ Рустам республикэм и фуболым хуищIа хэлъхьэныгъэр зэрымымащIэм, ящыгъупщакъым и зэфIэкIхэр. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ район, къуажэ унафэщIхэм, и ныбжьэгъухэм. Сэ сыхуейт хабзэ дахэ фхуэхъуу мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ илъэс къэс евгъэкIуэкIыну, абы цIыху нэхъыби къызэрыхэтшэнум дыхущIэкъунщ. Узэрыгушхуэн щIалэт Рустам, абы къыхэкIэуи абы и цIэкIэ къефхьэжьа турнирым адэкIи къыпыщапхъэу къызолъытэ. И псэр зыщыгуфIыкIын Iуэху щхьэпэхэр евгъэкIуэкIыу абы и ужь къина и унагъуэр Тхьэм фигъэпсэу, зи хъыбарыфI куэд зыхэса къуажэр фефIэкIуэну си гуапэщ.
Топджэгур гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдащ «Ныбжьэгъухэр» гупым, етIуанэ увыпIэр къахьащ «Нарткъалэм», ещанэ хъуащ «Хьэтуейр». ТекIуахэм иратащ Танокъуэхэ я унагъуэмрэ Рустам и ныбжьэгъухэмрэ къабгъэдэкI тыгъэхэмрэ саугъэтхэмрэ. Апхуэдэу зэхьэзэхуэм хэта псоми къуажэ администрацэм и унафэщIыр яхуэупсащ пхъэщхьэмыщхьэ матэхэмкIэ. Пащты Руслан Хьэтуейм и футболист ныбжьыщIэхэм тыгъэ яхуищIащ топджэгум зэрыхэтын щыгъынхэр.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм саугъэт щхьэхуэхэмкIэ ягъэпэжащ зи джэгукIэкIэ къыхэжаныкIа щIалэхэр. Апхуэдэу гъуащхьэ тет нэхъыфIу къалъытащ Кульбаев Марат, защитник нэхъыфIу Iэщнокъуэ Iэдэм, гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфIу ДзыхьмыщI Марат, гъуащхьауэ нэхъыфIу Бэджий Аскэр, турнирым и джэгуакIуэ нэхъыфIу Хьэбил Алим сымэ.
ЗэIущIэм и кIэм Танокъуэхэ я унагъуэм зэхыхьэм кърихьэлIахэм фIыщIэ хуащIащ я щIалэм и фэеплъым хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуащIам папщIэ.