20 февраля, 2024 - 11:55
Адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ Инал и пхъум (1944 гъэм Москва къыщалъхуащ) и анэр урыст, и адэр Къармэхьэблэ къыдэкIа адыгэ щIалэт. Хъыджэбзым къиухащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, иужькIэ «Юность» журналми Москва и тхылъ тедзапIэ зыбжанэми щылэжьащ. Литературэм и лъэужь дахэ къыхинащ а бзылъхугъэм. Игури и псэри етауэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ Къэшэжым итха усэхэр, балладэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр поэзие нэсым и щапхъэщ. Иннэ и зэфIэкIым теухуа псалъэ гуапэ куэд хужаIащ цIыху цIэрыIуэхэм, абыхэм ящыщ дэтхэнэми къыхощ ахэр а бзылъхугъэм и зэчийм, ехъулIэныгъэм пщIэшхуэ зэрыхуащIтэр.
Кулиев Къайсын, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ: ЦIыхум зэчий бгъэдэлъмэ – ар фIыгъуэшхуэщ. Къэшэж Иннэ и усыгъэр щыщIэзджыкIым абы и IэрыкIхэр сэ гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат. СфIэфIт мы тхылъым ихуа усэхэм апхуэдэ гурыщIэ щIэджыкIакIуэхэми я псэм къыщагъэушыну. Уи гуапэ мэхъу Къэшэж Иннэ гупсысэщIэ зэрылъыхъуэри, къигъуэтар гум ехуэбылIэу, псэм дыхьэу, уигъэпIейтейуэ къызэриIуэтэфри. Абы и усэхэм дыкъыщеджэкIэ, дунейм, ди щыпэлъагъум хуэдэу, доплъ. Си гугъэмкIэ, апхуэдэ щытыкIэм уришэныращ гъуазджэм и къалэн нэхъыщхьэри. Иннэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, бгырысхэм яхуитха усэхэм ди щIыналъэм и теплъэ дахэ зэмыфэгъухэр дэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ.
Къагъырмэс Борис, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ: Къэшэж Иннэ ауэ къызэрыгуэкI усакIуэу щытакъым. Ар зи зэфIэкIыр, зи зэчийр пасэу къэзыгъэлъэгъуэфа усакIуэ Iэзэт. Къэшэжыр ящыщащ «шестидесятники» жыхуаIэу хыщI гъэхэм ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми зи цIэр ину щыIуауэ щытахэм. Иннэ и цIэрыIуагъэм нэхъри зиIэтынымкIэ, зиубгъунымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ абы и псалъэхэр щIэлъу композитор Iэзэ куэдым ятха уэрэдхэм. Къапщтэмэ, Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Аркадий, нэгъуэщIхэми макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр ягъэзащIэрт Магомаев Муслим, Хиль Эдуард, Трошин Владимир, Кобзон Иосиф, Лещенкэ Лев, Кристалинская Майе, Пугачевэ Аллэ сымэ, нэгъуэщI уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ куэдми.
КхъуэIуфэ Хьэчим, тхакIуэ,УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ: Иннэ и усэхэм тыншу макъамэ щIалъхьэрт. Илъэс 40-м щIигъуами, ящIэщыгъуэу ягъэзащIэ «Кабарда», «Возьми меня в Балкарию», «Свадьба в Каменномосте» жыхуиIэхэр, нэгъуэщI куэди. УсакIуэхэр щытхэкIыжкIэ, езыхэм я дуней псо къызэранэкI. Къэшэж Иннэ и усэхэмрэ уэрэдхэмрэ ягу ихужыркъым ар зыцIыхуу, зи ныбжьэгъуу щытахэм.
Корнеев Алексей, тхакIуэ: Литературэм зэуэ цIэрыIуэ щыхъуат Иннэ. Сигу къокIыж Къэшэжым и усыгъэм и пшыхь зэрыщыIэнум и хъыбарегъащIэхэр Москва къызэрыщыфIадзэу щытар – и цIэр ин дыдэу тхауэ. СощIэж Iэпкълъэпкъ зэщIэкъуа зиIэ пщащэ нэ фIыцIэр псэлъапIэм къызэрытехьэу, къызэхуэсахэр зэуэ къыдихьэхыфу зэрыщытар. Зэчий зыбгъэдэлъ дэтхэнэ усакIуэми къемыхъулIэр – усэр нэгъэсауэ зыхегъэщIэныр – абы пылъхьэншэу хузэфIэкIырт.
Фельцман Оскар, композитор: Къэшэж Иннэ литературэмрэ уэрэд гъуазджэмрэ зэуэ хыхьащ. Ар ядэлэжьащ композиторхэу Троцюк Б., Савельев Б., Рубашевский В., Колкер А. сымэ. Абыхэм зэдатха «Мальчишки России», «Я иду из кино», «Позови меня на свадьбу», «Опять плывут куда-то корабли» уэрэдхэм зэпеуэ куэдым саугъэтхэр къыщахьащ. Ауэ усакIуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм я нэхъыфIыр Островский Аркадий макъамэ зыхуитхахэр арагъэнущ. Композиторымрэ усакIуэмрэ я гупсысэр гъэщIэгъуэну зэтехуащ. Псалъэм папщIэ, «Подари мне лунный камень», «Круги на воде» уэрэдхэм ди щэнхабзэр нэхъ бей ящIауэ къызолъытэ.
Хьэх Сэфарбий, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ: ГъащIэ иIакъым усакIуэ Iэзэм. Иджы согупсысыжри, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым: сыту цIыху дыщэт! Сыт хуэдиз лъагъуныгъэ уи хэкум, укъызыхэкIа лъэпкъым, литературэм хуиIэн хуейт, абы хузэфIэкIыу щыта псор пхузэфIэкIын папщIэ?!
Къэшэж Иннэ
* * *
Си адэм и хэкужь,
Си лъахэу Къэбэрдей,
Уэращ сэ си гуфIэгъуэр, уэрщ си гуауэр.
Дапщэщ нэзгъэзэжын слъэкIыну сэ уи дей?
Сызэрыпсэури сыппэIэщIэу дауэ?
Си напIэр зэтеслъхьам, сэ къыщIохьэж си
нэгу
Си сабиигъуэр щызгъэкIуа къурш лъапэр:
Къуажэшхуэм къыщхьэщытщ
ЩхъуантIабзэу джабэ нэкIу,
Абы щохъуакIуэр куэду мэл –
ЩащI кIапэ.
Плъыр сакъыу Iэщым хэтщ мэлыхъуэ щIалэ
гуэр,
УэрэдкIэ йобзэрабзэ ар уэгу къащхъуэм;
Уэрэдым сыщIодэIу –
Къысхелъхьэ къару уэр,
Сыкъохъур сылъэтэным хуэдэу пцIащхъуэу…
Уемышу къиш уэрэд, мэлыхъуэ щIалэ ес,
Си деж къэIусрэ ищIу си псэр махэ.
Зэхэсхмэ сэ уи макъ, мы си гур мафIэм ес,
Мычэму ар хуопабгъэ адэжь лъахэм!
Уэрэдым иубзыхунщ, сэ сощIэ, си пщэдейр.
Абы сытришэнщ сэ гъуэгу, гумащIэу…
Сызэрыпсэур сэ дауэ уэ ппэIэщIэу
Си адэм и хэкужь,
Си лъахэу Къэбэрдей?!
* * *
Лэкъум сигу къохьэ, адыгэ лэкъум,
Зэгуэр сянэшхуэм схуищIу щытам ещхьу.
ЩIым ерыскъыуэ щапщэфI псоми я щхьэу
КъысфIощIри –
СшхынкIэ ар сримыкъун!
Лэкъум сигу къохьэ, хъурей дахэу щIауэ,
Плъыжьыбзэу жьауэ нартыху лэкъум IэфI.
ИIыгъыу ар сянэшхуэр къыспежьауэ
Си сабиигъуэм сепщIыхьын сэ сфIэфIщ.
Си сабиигъуэу сэхуран дагъэмэ,
Жьэгу Iугъуэ гуакIуэм и мэ къызыпих,
Сыт хъунт зы махуэ узиIэжыгъамэ,
АрщхьэкIэ сыноджакIэ –
Зэхыумых!
Псы хуэлIэу гъуэгурыкIуэ итым къум,
Хуэдабзэу нобэ лэкъум IэфI сигу къохьэ.
Ауэ сянэшхуэм мэсеиж и кхъащхьэр,
Си анэм ар щиIуэхукъым ди къалащхьэм,
Сэращи –
Сэ схуэпщэфIыркъым лэкъум.