Щэнхабзэ. ФIым щIэджэурэ, цIыхум я гукъеуэхэр ящхьэщызых
12 апреля, 2022 - 15:32
Джэгур цIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Абы хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ джэгу лIэужьыгъуэхэм пшыналъэри, уджри, къафэри, хъуэхъури, лъэIури зэщIэту къакIуэ хабзэт. А псоми къалэну яIэр зыщ: тхьэр яIэту фIы зыхурагъэщIэну аращ.