19 июля, 2022 - 11:15

Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу, мы щIы фIыцIэр щызэпцIагъащIэм къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъ Iущым къытхуигъэщIа, бэлыхь куэдми гугъуехь мыухыжхэми къыщымытIасхъэу,
атIэ кIуэ пэтми нэхъ быдэ хъуурэ, жырыщхъуэм хуэдэу зэхэжыхьурэ лъэпкъым и тхыдэ жыжьэр къэзыкIуа, гъуазэ емыпцIыжу сыт щыгъуи къыхущыта гъусэ пэжщ Адыгэ хабзэкIэ дызэджэр.
Сыт атIэ Адыгэ Хабзэр, Адыгагъэр, Нэмысыр зищIысыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ якIуэцIылъ а псалъэ купщIафIэхэм?
Адыгэ Хабзэр – псалъэ тIущкIэ жыпIэнумэ, цIыхум и Напэмрэ и Хуитыныгъэмрэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэм, дуней къэзыухъуреихьым хуиIэ щытыкIэм и лъэныкъуэ псори зыкIуэцIылъ гъащIэ мардэщ. А псалъэм къарууэ кIуэцIылъыр гъунэншэщи, и гъэзэщIэнри псынщIэ цIыкIукъым, шыIэныгъэшхуэрэ акъыл зэтесрэ уиIэпхъэу къегъэув а зы закъуэр гъэзэщIэным. Адыгэ Хабзэм къыгуэпх мыхъуну сыт щыгъуи абы и гъусэщ, и щIэгъэкъуэнщ Адыгагъэр.
Адыгагъэм пкъыгъуэу хохьэ: цIыхугъэ, щэн-Iэдэб, нэмыс, Iулыдж, шынэ-укIытэ, щыпкъагъэ, напэ, Тхьэ, лIыгъэ, Хэкум, цIыхум яхуиIэ IуэхущIафэ, хьэтыр, гущIэгъу, псапэ, зэхэщIыкI, цIыху хэтыкIэ мардэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрахущытыр, бынунагъуэ, лъэпкъ гупсысэкIэ жыхуиIэ гурыIуэгъуэхэр псори зэхуэхьэсыжауэ.
Адыгагъэр Хабзэм къыщигъэщIыжкIэ, Хабзэми Адыгагъэм еныкъуэкъуу зыри хэтыпхъэкъым, ахэр зэтIолъхуэныкъуэхэм хуэдэу бынжэ къуэпскIэ зэпыщIащи, зэкIэрыпчмэ, кърикIуэнур хэткIи гурыIуэгъуэщ - тIури щымыIэжынкIэ зыри хуэIуакъым. Аращ ди Хабзэмрэ Адыгагъэмрэ къемыкIу гуэрхэр къыхаIуну щыхуежьэкIэ къыщIыхэщыр, гуемыIуу къыщIыхэпIиикIыр.
Лъэхъэнэ Iэджэми псэукIэми захъуэжурэ дунейр екIуэкIащ, ауэ Адыгагъэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэмыхъуамэ, кIэрыхуакъым. Хабзэми и нэхъ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэхэр зэримыхъуэкIыурэ, зэман къэунэхум деж лъахъэ къуза къыхуэхъухэр IуигъэкIуэтмэ, лъэпкъыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэфынухэр къигъэщIурэ къекIуэкIащ. Мис апхуэдэ зыузэщIыкIэ иIащи аращ Адыгэ Хабзэр къызэрымыкIуэ гъащIэ кIыхь зыщIар, сыт зэманми, сыт лъэпкъми зэрыхыхьэф фащэ дахэу Адыгагъэр къыщIэгъуэгурыкIуэр.
Сыадыгэщ зыхужызыIэж дэтхэнэри псом япэу хуэкъабзэу щытыпхъэщ и лъэпкъым, абы и хьэлэмэтхэм, Хэкум и щIыхьым. Адыгэ цIыхум хэлъын хуейщ нэмыс, кIухьэн, Iулыдж… Ахэр Адыгагъэм и лъэныкъуэ нэхъыщхьэхэм яхохьэ.
Нэмыс жыхуиIэр – цIыху къэс гъэсэныгъэрэ Iэдэбу хэлъыр къэзыгъэлъагъуэ хьэл дахэщ.
КIухьэныр – цIыху къэс и щхьэм пщIэуэ хуищIыжырщ, адрейхэми яхуищIыфырщ.
Iулыдж жиIэмэ – цIыхум и нэгум укIытэу, джылу, щхьэзыфIэфIыншагъэу илъырщ, зэрихьэфырщ, и напэр зэрихъумэжыфырщ.
Адыгагъэм и пкъыгъуэхэу ищхьэкIэ къедбжэкIахэри хэту, мы иужьрей щыри зэкъуэпч мыхъуну зэпхыжащ. Абыхэм ящыщ зы яхэзмэ – адрейхэр мэлъашэ. ТIэкIу уадыгэу, тIэкIу Хабзэри пIыгъ хуэдэу щыту, уи анэдэлъхубзэри къыумыдзащэу упсэун уи гугъэкIэ къикIын щыIэкъым. Е уадыгэщ, е уадыгэкъым! Е лъэпкъым урибынщ, е абы урищIыбщ! Псоми ящыщу зыми щымыщыр къызыхэкIа зымыщIэж манкуртхэрщ. Ар цIыху къэс езым зэрызилъытэжымрэ и щхьэм пщIэуэ хуищIыжымрэщ. Хуэмейр IумпIэкIэ къыщIыхэплъэфэни, хэтыр умыгъасэу ущIелъэпэуэни щыIэкъым.
Уи лъэпкъ хабзэрэ уи лъэпкъ гупсысэрэ уимыIэжмэ, улъэпкъыжкъым, гуп щхьэрыутIыпщу укъызэхэнэ мыхъумэ. Абы Тхьэм дыщихъумэ!
Адыгагъэ нэсырщ щэнхабзэкIэ узэджэ хъунур. Щэнхабзэ жиIэмэ – культурэщ къикIыр. Этикетым и гурыIуэгъуэри хохьэ мы псалъэм. Хабзэм щыщ куэди къеубыд. Этикетым адыгэбзэкIэ зэреджэр – щэнхабзэщ.
Зыми уримыгъэхъуэпсэжыну, бзэгур имыIуантIэу, жыIэгъуафIэрэ адыгэ псалъэ дыдэхэу мы къэтхьа фIэщыгъэцIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ ди бзэм къыхигъэхьащ адыгэлI хъарзынэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. ЩIэныгъэшхуэ зиIэ а лIы емышыжым псоми къазэрыгурыIуэнум хуэдэу, зы лъэныкъуи къимыгъанэ жыхуаIэм хуэдэу, щIэныгъэ куур и лъабжьэу итхащ икIи урысыбзэкIэ къыдигъэкIащ Адыгэ Хабзэмрэ адыгагъэмрэ ятеухуа тхылъ гъэщIэгъуэн зыбжанэ. Адыгэ хабзэмрэ адыгагъэмрэ я лъэныкъуэ псори куууэ зыджыну хуей дэтхэнэ цIыхуми сэбэпышхуэ къыхуэзыхьщ абы и тхылъхэр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адыгэбзэ дахэм, лъэщым и зэфIэкIымрэ и куууагъымрэ и Iыхьэ пщIани дэ нобэ къэдгъэсэбэпыфкъым. Уеблэмэ, илъэс тIощI-тIощIитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди бзэм уэрсэру хэта псалъэ куэд дыдэ нобэрей щIэблэм ящIэжыркъым.