Тхыдэ IэкIуэлъакIуагърэ IэзагъкIэ псоми къахощ
26 июля, 2022 - 15:40
Адыгэхэм я пасэрей Iэщэхэм ящыщт сэшхуэр, афэ джанэр, гъущI тажыр, фэмрэ гъущIымрэ къыхэщIыкIа мэIур. ИужькIэ абыхэм къаIэрыхьащ «закъуэрыуэ, иужькIэ сэшхуэр къызыкIэлъащтэ щтауч фочыр». Адыгэм и Iэщэ-фащэр зыцIыху бийм зытригъапсэ хабзэр абы и лъакъуэхэрт, сыту жыпIэмэ, ахэрат нэхъ щIэмыхъумауэ къанэр. Осетинхэм хъыбар гъэщIэгъуэн гуэр яхъумэ адыгэхэмрэ осетинхэмрэ «Арки Раг» жыхуаIэ щIыпIэм зэрыщызэзэуам теухуауэ. А зауэзэрылIым хэтыху, хъыбарым къызэриIуэтэжымкIэ, осетинхэр блэмыукIыу адыгэхэм фочышэкIэ еуэхэрт, ауэ зыри яхуещIэртэкъым.