22 марта, 2022 - 15:40
Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъхуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами и къалэнщ езым и хабзэр, и щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. ДиIэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и лъапсэр адыгагъэращ. Iэдэбыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псори къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.
Ди бзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ягуэщIауэ зи цIэр дыщэпскIэ ди тхыдэм хатхахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нэгумэ Шорэ, нэгъуэщI куэди. Адыгэ литературэм абыхэм щызэщIагъэна мафIэр ди гум йопсэ, ди псэр егъэхуабэ. Ноби а мафIэр ужьыхыркъым. ЩIэблэм ар нэхъри зэщIагъаплъэ.
Адыгэбзэр дуней псом нэхъ ныбжьышхуэ щызиIэхэм зэращыщым и щыхьэтщ США-м и Конгрессым и библиотекэм тхыдэшхуэ зиIэ лъэпкъыу къыщагъэлъэгъуа 32-м я япэ сатырхэм адыгэр зэрахэтыр!
«НэгъуэщI лъэпкъым и бзэр илъэситI-щыкIэ зэзгъэцIыхуфынущ, ауэ си бзэр сыпсэухукIэ зэзгъэщIэн хуейщ», - жиIэгъащ венгр еджагъэшхуэ Месарош. Мис а псалъэ пэжхэм адыгэхэри дытетыпхъэщ, дгъэзэщIапхъэщ.
Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр ищIэжын хуейщ. Аращ адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Алий «Зи бзэр зымыдж адыгэ сабий щыIэн хуейкъым», - жиIэу щIитхыгъар.
УрысыбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ адыгэ куэдым уахуозэ. Ар ди жагъуэ мыхъуу къанэркъым.
Исландие къэралыгъуэм унафэ щхьэхуэ къыщащтащ хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр я бзэм хамыгъэхьэну. А унафэм щIэтурэ, мы зэманым Исландием я бзэр дунейм щынэхъ къабзэ дыдэу къызэтенауэ къалъытэ. Мыбы дэри дегупсысыпхъэщ.
Ди лъэпкъым и анэбзэр – адыгэбзэр мыкIуэдыжыным теухуащ адыгэм, адыгэбзэм зи гур хуэузу псэуа усакIуэ щэджащэ Бемырзэ Мухьэдин и тхыгъэхэр.
«ЗэгъащIэ: зи бзэр зыфIэкIуэдым
И анэр хуэдэщ фIэкIуэдам».
Мы дунейм анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бзэр анэм зэрепхар, ар зэрыналкъутналмэсыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
Адыгэ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэу щыIэм я лъабжьэщ. Псалъэ Iущ, шэрыуэ куэд диIэщ нэмысым, хабзэм, бзэм, акъылым ятеухуауэ. «Бзэ зимыIэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым» жыхуиIэри абы щыщщ.
ЩIыхь зиIэ ди егъэджакIуэфIхэр, фIы куэдкIэ дызыщыгугъ ди еджакIуэхэр щыдиIэкIэ, ди фIэщ мэхъу адыгэбзэр дунейм зэрыщыIунур. Адыгэ лъэпкъыр ефIэкIуэну, ди бзэ дахэу пшынэбзэу гур зэщIэзыIэтэр нэхъри нэхъ лъэщу дунейм куэдрэ тетыну догугъэ! Тхьэм къытхузэпищэ! Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунщ!