20 февраля, 2022 - 11:55
«Си ужьыр махуэ пхухъу…» – бжызоIэ, лъахэ!
Зэман мащIэщ Гъубжокъуэ Лиуан адыгэ литературэм зэрыхэлэжьыхьар, ауэ абы куэд хузэфIэкIащ – хамэ уэрэд емыжьууэ, езым и лъагъуэ, лирик нэсым и лъэужь литературэм щыпхишыни къехъул1ащ. ХузэфIэкIащ фIыуэ илъагъу и IэщIагъэм хуэпэжти, хуэIэижьти, и гъащIэри и гуащIэри щIыхь зыпылъ а Iуэху лъапIэм триухуати.
Гъубжокъуэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ адыгэ усыгъэми сабий литературэми. Абы и фIыщIи и щытхъуи хэлъщ адыгэ уэрэдым игъуэта зыужьыныгъэм.
УсакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэхэр мыкIуэдыжын ящIащ абыхэм япкърылъ гупсысэ куум, гурыщIэ къабзэм. Гъубжокъуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр лъэпкъ хабзэ-нэмысым, хьэл-щэн дахэм, абы и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуащи, аращ ахэр мыкIуэдыжын зыщIыр, цIыхупсэм щIехуэбылIэр, цIыхугум фIыкIэ къыщIинэр.
Гъубжокъуэ Лиуан сабиигъуэ дахи, щIалэгъуэ тынши, балигъыгъуэ хъуэпсэгъуи иIакъым. Абы и щхьэусыгъуэр куэд мэхъу, ауэ нэхъыщхьэр зыхалъхуа зэманыр гугъуу зэрыщытарщ. Гъубжокъуэр ящыщщ Хэку зауэшхуэм зи сабиигъуэр къилыпщIа щIалэ цIыкIухэм. Ар къыщыхъуащ Жэмтхьэлэ, езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм яхэту. Къуажэ школым щыщIэса илъэсхэм Гъубжокъуэм фIыуэ илъагъуу щытащ бзэ щIэныгъэхэмрэ литературэмрэ, псом хуэмыдэжу адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ. Аращ Лиуан къуажэ еджапIэр нэхъыфIхэм ящыщу къиуха нэужь, 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым щIыщIэтIысхьар.
Институтым щыщIэса илъэсхэм Гъубжокъуэм куууэ иджащ адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, абы къыдэкIуэу, урыс литературэр, дунейпсо усыгъэр, тхыдэр, философиер, логикэр.
ТхущI гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм тохуэ Гъубжокъуэм тхэн щыщIидзар. Абы и усыгъэ щхьэхуэхэр газет зэмылIэужьыгъуэхэм къытрадзэу хуожьэ, иужькIэ ахэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытохуэ. Ауэрэ ар усэным дехьэх. Гъубжокъуэм тхэн къызэрыщIидзар усэкIэщ, ауэ абы тхылъеджэхэм я пащхьэм япэу ирилъхьар и рассказхэр щызэхуэхьэса «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» тхылъырщ. Абы иужькIэ Лиуан и тхылъ зыбжанэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Налшыкрэ Москварэ къыщыдэкIащ.
Гъубжокъуэр зэи тетхыхьу щытакъым фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэм: и нэкIэ имылъэгъуа, и гумкIэ зыхимыщIа, езыр зыбжанэрэ зымыгъэпIейтея, ар куэдрэ хэзымыгъэплъа е зымыгъэгуфIа Iуэхугъуэм. Абы щыхьэт тохъуэ усакIуэм и усэ нэхъыфIхэр, и прозэ купщIафIэр.
Рассказ нэхъыфIхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ иту Москва и «Детская литература» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъым теухуауэ иджырей урыс усакIуэ Баруздин Сергей мыпхуэдэу итхыгъащ: «Си дежкIэ Iуэху гуапэу къыщIэкIащ адыгэ тхакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» зыфIища и тхылъыр. Ар мыинми, абы зыубгъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей лъахэм и нобэрей гъащIэри, и цIыху гъуэзэджэхэм я IуэхущIафэхэри, и щIыуэпс дахащэри. Тхылъым ит дэтхэнэ зы рассказри гукъинэщ, псом ящхьэращи, ахэр купщIафIэщ, сабийхэм я гущIэм лъэIэсу художественнэ пэжагъ ин яхэлъщ, тхакIуэм и псалъэр еджакIуэ цIыкIухэм я гумрэ я псэмрэ дохьэ».
Апхуэдэу Лиуан и тхыгъэхэм щыщхэр зэрадзэкIащ балъкъэрыбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ, къэжэрыбзэкIэ, латышыбзэкIэ, монголыбзэкIэ, украиныбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи. Езы Гъубжокъуэми IэкIуэлъакIуэу адыгэбзэм къригъэзэгъащ нэгъуэщI лъэпкъ усакIуэшхуэхэу Пушкин Александр, Есенин Сергей, Бараташвили Николоз, Тихонов Николай, Джалиль Мусса, Симонов Константин, Гамзатов Расул, Кулешов Александр, Кулиев Къайсын сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.
Лиуан и лирикэм и «Iэпкълъэпкъыр» гурыхьщ, и гум и къеуэ макъыр псэкIэ зыхыбощIэ, абы цIыхугъэ лъагэрэ нэмыс инрэ хэлъщ, гурыщIэ къабзэкIэ зэщIэузэдащ. Гъубжокъуэм и усэхэр гъащIэм быдэу пыщIащ.
ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къыщыIуэтащ «Си лъахэ – си удз дахэ» усэм. Тхыгъэр зытепсэлъыхьыр щIэщыгъуэщи, куэдым урегъэгупсыс, псэр егъэпIейтей: «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…» – жиIат жи, цIыху Iей гуэрым, щылIэм щыгъуэ… Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьдыукI: «СяужькIэ, хуейми удзи къремыкI…». «Ажалыр бжэм нэхъ благъэщ - Хъумэ къэс - «Си ужьыр махуэ пхухъу…» - БжызоIэ, лъахэ. ФIы фIэкIа сыт хужыпIэн мы усэм? Ар куэдым ягу ирихьащ, литературэ критикэм абы гулъытэшхуэ хуищIащ. Псалъэм папщIэ, усэм теухуауэ Тхьэгъэзит Зубер итхыгъащ мы псалъэ гуапэхэр: «Гъубжокъуэм и тхыгъэ гъуэзэджэ «Си лъахэ – си удз дахэр», си гугъэмкIэ, ди адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм, нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ, ди лирикэм и фIыпIэщ. Усэм къиIуатэ гупсысэр куущ, пщыгъупщэжынкIэ Iэмал имыIэу, зы псалъэ, мыр мыбдежым щымытащэрэт е ар нэгъуэщIкIэ зэсхъуэкIынт хужыпIэну абы къыхэгъуэтэгъуейщ…» Апхуэдэ псалъэхэр зыхуатха икIи зыхуэтхыпхъэ усэ купщIафIэ куэдыкIей иIэщ Гъубжокъуэм.
Гъубжокъуэ Лиуан 1963 гъэм СССР-м и Журналистхэм, 1969 гъэм ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хагъэхьауэ щытащ. А къалэн лъапIэхэр и псэр пытыху щIыхь пылъу абы игъэзэщIащ. И лэжьыгъэфIымрэ и дуней тетыкIэ дахэмрэ къалъытэри, 1988 гъэм Гъубжокъуэм къыфIащащ «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Лиуан тIэунейрэ къратащ «За освоение целинных и залежных земель» медалыр, ВЛКСМ-м и ЦК-м и щIыхь тхылъыр.